Ар и фызу дэпсэууэ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэу,абы Кьэзэнокъуэ Жэбагъы и чэнджэщэгъуу щыщыта зэманыр арати, зэгуэрымАслъэнбэчыр Жэбагъы и деж щепсыхащ. Аслъэнбэч унэм щIыхьэу
...Ещё
Ар дэнэ къэна, и лIыр гъунэгъуу щытмэ, и жьэм зыгуэрдрихьейуэ къилъагъун фIэщlу и псэр Iукlауэ сакъырт. Мнс абы хуэдэ бэлыхь ятелъузэдэпсэууэ щытащ цlыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ.
Урысыр къытхэмыхьэу дэ ди IэщIагъэрэ ди лэжьыгъэкIэдыпсэужу щыщытам, нэхъыбэу дызыхуэныкъуэу, куэдрэ гугъу дызыдехьыр шыгъурарат. Ар дэ диIэ хьэпшыпхэмкIэ къахъуэжт.
Ди цIыхухэм мэкъумэшу ящIэу щытар: нэхъыбэу мэш, хьэ, гуэдз,авост. Мис ахэр яшэти, урысхэм я деж шыгъу къыщахъуэжт. Ауэ а шыгъум изыIэрыгъэхьэным икъукIэ гугъуехьышхуэ пылъу щытащ.
Мы используем cookie-файлы, чтобы улучшить сервисы для вас. Если ваш возраст менее 13 лет, настроить cookie-файлы должен ваш законный представитель. Больше информации
Комментарии 7
Пасэрей адыгэхэм яхэлъу щыта ха6зэхэр унафэу яхурикъуущытащ. «Уадыгэкъым, адыгагъэ пхэлъкъым» жримыгъэIэн щхьэкlэ адыгэлIым и псэритыну щытащ. Лlэныгъэм нэхърэ eмык1ум нэхъ фlэлIыкlыу щытащ. «ДыIуохьэридаукI, дыlуокlри ди напэм едгъэкlуркъым»,жаlащ япэ дуней псо за~ щыlаадыгэхэм.
Пасэрей адыгэхэм лlыуэ ялъытэу щытар, зи щхьэ фlыуэзыгъэпсэужыфу щытар аракъым, атlэ хэкур зыгъэпсэу, зи къуажэр зыlыгъыфыр, лейзыщыщIым къыщыж, къулейсызым дэIэпыкъу, дэхуэхар къызэфIэзыгъэувэжыр арат.
Ипэкlэ лlы зыфlащу щытар, езым щхьэ закъуэ Iуэхум иужьЗЭРИтым нэхърэ И къуажэ цIыхухэм я Iуэхум нэхъыбэрэ иужь иту щытарщ.
Лlыгъэ зиlэу ялъытэм, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу, И шым уанэтрилъхьэрти дэкIырт. Абы губгъуэ гъунэгъухэр къызэхикlухьт, хутыкъуа щыIэмэ,зигу уфэрэкlа щыIэмэ, шым идза щыIэмэ ядэIэпыкъурт. Губгъуэм Iэщ кIэрутlыпщкъинауэ игъуэтмэ, къахурихулIэжт, хэт ейми, ахэр хьэм яримыгъэшхыу. Пшапэр зэхэуэуцlыхухэр я пIэм изэгъэжыху къуажэбгъухэм щысакът. Абы имыщlэу къуажэм,губгъуэ
...ЕщёПасэрей адыгэхэм яхэлъу щыта ха6зэхэр унафэу яхурикъуущытащ. «Уадыгэкъым, адыгагъэ пхэлъкъым» жримыгъэIэн щхьэкlэ адыгэлIым и псэритыну щытащ. Лlэныгъэм нэхърэ eмык1ум нэхъ фlэлIыкlыу щытащ. «ДыIуохьэридаукI, дыlуокlри ди напэм едгъэкlуркъым»,жаlащ япэ дуней псо за~ щыlаадыгэхэм.
Пасэрей адыгэхэм лlыуэ ялъытэу щытар, зи щхьэ фlыуэзыгъэпсэужыфу щытар аракъым, атlэ хэкур зыгъэпсэу, зи къуажэр зыlыгъыфыр, лейзыщыщIым къыщыж, къулейсызым дэIэпыкъу, дэхуэхар къызэфIэзыгъэувэжыр арат.
Ипэкlэ лlы зыфlащу щытар, езым щхьэ закъуэ Iуэхум иужьЗЭРИтым нэхърэ И къуажэ цIыхухэм я Iуэхум нэхъыбэрэ иужь иту щытарщ.
Лlыгъэ зиlэу ялъытэм, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу, И шым уанэтрилъхьэрти дэкIырт. Абы губгъуэ гъунэгъухэр къызэхикlухьт, хутыкъуа щыIэмэ,зигу уфэрэкlа щыIэмэ, шым идза щыIэмэ ядэIэпыкъурт. Губгъуэм Iэщ кIэрутlыпщкъинауэ игъуэтмэ, къахурихулIэжт, хэт ейми, ахэр хьэм яримыгъэшхыу. Пшапэр зэхэуэуцlыхухэр я пIэм изэгъэжыху къуажэбгъухэм щысакът. Абы имыщlэу къуажэм,губгъуэм зыгуэр къыщыхъуну и щхьэм хуигъэфащэртэКъым. А зэманым куэдрэ пхъэркъэхъуу щытащ. Апхуэдэ зыгуэр къэхъуамэ, цlыхухэр игъэпхъэрт.
Псом хуэмыдэу, адыгэм гъунэгъумрэ ныбжьэгъумрэ ягъэлъапlэу,щlыхь хуащIу щытащ. ИгъащIэми псалъэжьу къогъуэгурыкlуэ: «Гъунэгъурэгъуэншэджрэ»,- жаIэу. Абы къикlыр - щыгъыным щыщу япэ дыдэ зэпхъуэр, укIытэрщlэзыуфэ гъуэншэджыр аращ. Абы ещхьуэ, япэ дыдэ 1эпхъуэри, япэ къигъуэтригъунэгъур арат. Мис арат а тlyp щlызэригъэщхьар.
«Гъунэгъур унэгъущ»,- жаIэрти, унэгъуу къалъытэрт.
Гъунэгъуу къалъытэр гъунэгъум къигъунэгъужыр арат. Арпсалъэжь пэж дыдэщ. «Гъунэгъур унэгъущ» жыхуаlэр зэрыпэжым мыр щыхьэту тоувэр:гъунэгъум мэл иукlыу ялъэгъуамэ, езым пlастэ ящlу щытащ, а гъунэгъум яукlамэлым дашхыну. Пэжу икlи дашхырт, къапцIэртэкъым.
А зыр щыхьэту ирикъункъэ, гъунэгъур унэгъуу ялъытэузэрыщытар уи фIэщ ирихъуну.
3ыгуэрым мэл е зы Iэщ гуэр иукIамэ, Iэмал имыIэугъунэгъуитIым е щым Iыхьэ хуащIт «гъунэгъу Iыхьэ» жаIэрти, лэпсри щIэту.
Гъунэгъум ещхьыркъабзэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэт, ягъэпэжт.Адыгэм ныбжьэгъу пэжыр къуэш папщIэут зэралъагъур. «Къуэш егъу нэхърэныбжьэгъуфI»,- жаlэу я псалъэжьт, Ар икъукIэ псалъэ шэрыуэщ.
Уеблэмэ, ныбжьэгъуфlыр къуэшым щытекIуэ щыlэт.
Къуэш дыдэм дзыхь зэрыхуамыщI псалъэкIэ ныбжьэгъурчэнджэщэгъу щащI щыIэт. Икlи lуэху щэхур ныбжьэгъум нэхъ къыщыкъуэнэ щыlэт.
Адыгэм ар ямыкъутэу ткIийуэ яlыгъыу къадэгъvэгурыкIуэныркъызыхэкIыр нэхъыжьымрэ нэхъыщlэмрэ яку зэхуилъ хабзэр арат. Псом хуэмыдэу,нэхъыжьым хуабжьу щышынэу, щукIытэу зэрыщытырт.
Адыгэ лIыжьхэр къуаншагъэ зылэжь еIуящlэ гуэрхэмярихьэлlамэ, «мыбы сыт хузиlуэху»,- жаIэу блэкIтэкъым. Къуаншэм ешхыдэт,хуэфащэу щытмэ, теухьыпэт. «Щхьэ уешхыда е щхьэ уеуа, сыт абы уи lуэхуу хэлъыр»,-жаlэу псалъэмакъ щыIэтэкъым. Уеблэмэ, теухьым къыщимыгъанэу, щIалэр и адэм идеж ишэжти и быным илэжьа мыхъумыщlагъэр жриlэрти, иригъэшхыдэрт,иригъэубэрэжьт. Уеблэмэ, а ишэжа щIалэм нэхърэ зыхуишэжа и адэр нэхъкъыщышынэрт,
...ЕщёГъунэгъум ещхьыркъабзэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэт, ягъэпэжт.Адыгэм ныбжьэгъу пэжыр къуэш папщIэут зэралъагъур. «Къуэш егъу нэхърэныбжьэгъуфI»,- жаlэу я псалъэжьт, Ар икъукIэ псалъэ шэрыуэщ.
Уеблэмэ, ныбжьэгъуфlыр къуэшым щытекIуэ щыlэт.
Къуэш дыдэм дзыхь зэрыхуамыщI псалъэкIэ ныбжьэгъурчэнджэщэгъу щащI щыIэт. Икlи lуэху щэхур ныбжьэгъум нэхъ къыщыкъуэнэ щыlэт.
Адыгэм ар ямыкъутэу ткIийуэ яlыгъыу къадэгъvэгурыкIуэныркъызыхэкIыр нэхъыжьымрэ нэхъыщlэмрэ яку зэхуилъ хабзэр арат. Псом хуэмыдэу,нэхъыжьым хуабжьу щышынэу, щукIытэу зэрыщытырт.
Адыгэ лIыжьхэр къуаншагъэ зылэжь еIуящlэ гуэрхэмярихьэлlамэ, «мыбы сыт хузиlуэху»,- жаIэу блэкIтэкъым. Къуаншэм ешхыдэт,хуэфащэу щытмэ, теухьыпэт. «Щхьэ уешхыда е щхьэ уеуа, сыт абы уи lуэхуу хэлъыр»,-жаlэу псалъэмакъ щыIэтэкъым. Уеблэмэ, теухьым къыщимыгъанэу, щIалэр и адэм идеж ишэжти и быным илэжьа мыхъумыщlагъэр жриlэрти, иригъэшхыдэрт,иригъэубэрэжьт. Уеблэмэ, а ишэжа щIалэм нэхърэ зыхуишэжа и адэр нэхъкъыщышынэрт, «лIыжьыр къызэшхыдэнщ е eмык1у къысхуищlынщ»,- жиlэрти. Мис архабзэу зэрыщытым нэхъыщIэхэр хуабжьу игъэшынэрт игъэукIытэрт. «Хьэмэ къилъхуа,хэт и щlалэ ар? Фызабэм и къуэу къыщlэкIынщ!»,- жиlэрэ лIыжьыр щlэгубжьамэщIалэм ар удыну хурикъунут.Абы иужькIэ, лIыжь илъагъуху шынэнут. Мис абы хуэдэхабзэм къыщlэтаджэти яхэпщауэрэ къадэгъуэгурыкIуэт. Абы иужькIэ щlалэр апхуэдэlуэху къилэжьыжтэкъым.
Нэхъыжьым нэмыс зэрыхуащIыр щышынэ къудейуэ аратэкъым. Инэхъыжьыгъэм щхьэкIэ нэхъыбэу щlыхь хуащlт, хабзэ кIэлъызэрахьэт. ЩIалэгъуалэрнэхъыжьхэм ялъагъуу тутын ефэртэкъым, фадэ ирафтэкъым. 3и щlалэгъуэр тутынефэрэ пэт, лIыжь гуэр къыкъуэкlамэ, а лIыжьым аlбы гу лъримыгъэтэн щхьэкIэ,псынщlэу и lэгъуапэм, е и Iэбжьыбым иригъапщкIуэрт.
ЛIыжьым и Iэнэм щlалэ дэтIыстэкъым, и бын дыдэу щытми.Нэхъыжьхэр фадэ ефэу щыIмэ, т1ыc ямыlэу нэхъыщIэхэр ящхьэщытт.
Къуажэм гуфIэгъуэкIэ е гузэвэгъуэк1э Iуэху къыдэхъуамэ,унафэр зыIэщIэлъыр а къуажэм дэс лIыжьхэр арат. Абыхэм ящIа унафэм щIалэхэрзыкIи тепсэлъыхьтэкъым, ящIа унафэр ягъэзащIэ мыхъумэ.
Езы лIыжьхэми, уемыдэIуэну Iэмал имыIэу, адыгэ нэмысрэхабзэрэ яхэлът. ЛIыжьыр цIыхум зэрепсалъэр нэмыс хуищIу, щIыхь хуищIут.Уеблэмэ, н фыз дыдэм нэмысыншэу епсалъэртэкъым. Ар дэнэ къэна, и фызым «сыгъашхэ»,жриIэныр нэмысыншагъэу илъытэрт, «си ныбэ lуэху дауэ сытепсэлъыхьын», жиIэрти.
Адыгэ цIыхубзхэр сыт щыгъуэ зэмани лIым и унафэм щIэтукъэгъуэгурыкIуэрт. И лIым имыщIэу и фызыр бжэщхьэIу ебакъуэртэкъым.
ЦIыхубзыр хамэ цIыхухъум дэшхэн дэнэ къэна, езым нщхьэгъусэ и лIым илъагъуу игъащIэкIи шхэнутэкъым, езым дэшхэн дэнэ къэна,уеблэмэ, быни ямыIэу езы лIымрэ фызымрэ я закъуэу зэдэпсэуми, я гъащIэкlи зэдэшхэнутэкъым.ЛIыр япэ щIыкIэ шхэрти щIэкIырт е гъуэлъыжырти, итIанэ фызыр шхэрт. Абыщыгъуэми и шхэ макъыр е и еlуб макъыр лIым зэхихын фlэщIу и псэр IукIауэтзэрышхэр. Губгъуэ дыдэми езы т1ум я закъуэу лажьэу итмэ, лIыр щхьэхуэу шхэрт.Фызыр гу къуагъым е Iэтэ къуагъым къуэтIысхьэрти, лIым имылъагъуу шхэрт.Ар дэнэ къэна, и лIыр гъунэгъуу щытмэ, и жьэм зыгуэрдрихьейуэ къилъагъун фIэщlу и псэр Iукlауэ сакъырт. Мнс абы хуэдэ бэлыхь ятелъузэдэпсэууэ щытащ цlыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ.
Адыгэ хабзэр зытеухуар: лIым кърихьэлIэу, абы кърихьэлlэрфызым зэригъэзахуэу арат. Унагъуэ lуэхур нэхъыбэу зи фэм дэлъыр фызыр арат.«Мор дыгъэшх, мыр дыгъэшх, мор дэнэ кlya, мыр дэнэ кIya?»,- жиIэу лIым н фызырзэрихуэну емыкlут. Лlым кърихьэлIэн, фызым ипщэфIын, арат хабзэр.
Ауэ фызыр лlым еупщIтэкъым: «Дэнэ ущыlа? Дэнэ укlуэрэ?» -жиIэу.
КъызэраIуэтэжымкIэ, Жэбагъы н етlуанэ фызыр хъыджэбзцlыкIуу, сабий дыдэу къишэри езым игъэпскlыу, и щхьэр хуижьу, хуэжьыщlэу, инхъумэ, унагъуэр зэрызэрихьэн хуейм хуигъэIущу, хуиущийуэрэ къигъэхъуат. ИкIэмхъыджэбз цlыкIур ишэгъуэ щыхъум, езым щхьэгъусэ ищIауэ дэпсэурт.
Ар и фызу дэпсэууэ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэу,абы Кьэзэнокъуэ Жэбагъы и чэнджэщэгъуу щыщыта зэманыр арати, зэгуэрымАслъэнбэчыр Жэбагъы и деж щепсыхащ. Аслъэнбэч унэм щIыхьэу
...ЕщёАр дэнэ къэна, и лIыр гъунэгъуу щытмэ, и жьэм зыгуэрдрихьейуэ къилъагъун фIэщlу и псэр Iукlауэ сакъырт. Мнс абы хуэдэ бэлыхь ятелъузэдэпсэууэ щытащ цlыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ.
Адыгэ хабзэр зытеухуар: лIым кърихьэлIэу, абы кърихьэлlэрфызым зэригъэзахуэу арат. Унагъуэ lуэхур нэхъыбэу зи фэм дэлъыр фызыр арат.«Мор дыгъэшх, мыр дыгъэшх, мор дэнэ кlya, мыр дэнэ кIya?»,- жиIэу лIым н фызырзэрихуэну емыкlут. Лlым кърихьэлIэн, фызым ипщэфIын, арат хабзэр.
Ауэ фызыр лlым еупщIтэкъым: «Дэнэ ущыlа? Дэнэ укlуэрэ?» -жиIэу.
КъызэраIуэтэжымкIэ, Жэбагъы н етlуанэ фызыр хъыджэбзцlыкIуу, сабий дыдэу къишэри езым игъэпскlыу, и щхьэр хуижьу, хуэжьыщlэу, инхъумэ, унагъуэр зэрызэрихьэн хуейм хуигъэIущу, хуиущийуэрэ къигъэхъуат. ИкIэмхъыджэбз цlыкIур ишэгъуэ щыхъум, езым щхьэгъусэ ищIауэ дэпсэурт.
Ар и фызу дэпсэууэ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэу,абы Кьэзэнокъуэ Жэбагъы и чэнджэщэгъуу щыщыта зэманыр арати, зэгуэрымАслъэнбэчыр Жэбагъы и деж щепсыхащ. Аслъэнбэч унэм щIыхьэу зэретIысэхыу Жэбагъыи фызым а т1ум я пащхьэм Iэнэ къригъэуващ. Бысым фызыр хьэщlэм зэрыхуэхьэзырырхуабжьу игъэщIагъуэу Аслъэнбэч фызми Жэбагъыи еплъащ. Аслъэнбэч
щысыху, я Iэнэр щэней къахузэригъэпэщащ фызым яхузэрихъуэкlыурэ.Ещанэм ныш къахутрилъхьащ.
Фызым Iэнэр Iуихыжу заригъэтхьэщlыжа нэужь, Аслъэнбэчжиlащ: «Уесшэжьэну арат, Жэбагъы, зыщlыпlэ дымыкlуэу хъунукъым»,_ жиIэрн. Арщызэхихым, фызым зыри жимыlэу щIэкlри щыгъыныгъуищ къыщlихьэри къигъэт1ылъащ,«узэгуакlуэр зыщытlагъэ», жыхуиlэу. Аслъэнбэч абы гу лъимытэу къэнакъым.Аслъэнбэч зыкъызэридзэкIыжри:
- Псори къызгурыlуащ, Жэбагъы, уесшэжьэнукъым, сыщlегъуэжащ,_жиlащ.
Жэбагъы, мо лlы Iущым, къыгурыIуэри щlэупщlащ: - СытАслъэнбэч къыбгурыlуар, дебгъэжьэну жыпlауэ щхьэ ущlегъуэжа?
- «ФызыфIкlэ узэджэнур сыт хуэдэ?» _ жаlэри псалъэмакъкъытхыхьатн, фызыфIкlэ узэджэ хъунур нобэ слъэгъуащ, ар уи фызыращ,_ жиlащАслъэнбэч. Апхуэдэ фызхэр щыlащ пасэм. А фызым и сынщ Жэбагъы и сыным бгъэдэтуиджы Налшык парк цIыкlум итыр.
Адыгэлlыр ищIэну Iуэхумкlэ и фызым еупщIыжтэкъым,чэнджэщэгъуи ищIтэкъым. «Фыз упщlэж ирахьэлIэркъым»,_ жыхуа1э псалъэжьым тетт.Ищlа Iуэхуи жраIэртэкъым. Ари зытращlыхьыр, пасэрей лIыхэм Iуэтэн хуэмеи Iэджэялэжьу зэрыщытарт. ЛIым и щэхур фызым зэхихмэ, иlуэтэным, и щэхур нахуэ хъунымщышынэу арат. Апхуэдэкlэ дзыхь хуимыщI пэтми, адыгэлlыр и фызым еубзэрт,дэIэпыкъурт. «Лlыхъур фыз дэубзэщи, лIыбзыр фыз дэуейщ»,_ жаIэрт. Абы къикlыр,лlыгъэ зиIэ лlыр и фызым ешхыдэркъым, езауэркъым, мамыру допсэу, жиlэу арат.Абы къикIыр, лlы хуэмыхур и фызым езэуэрейщ, ешхыдэрейщ, жыхуиlэщ.
Быным зэхахыу адэмрэ анэмрэ зэшхыдэну, псалъэ гумыlузэжраIэну адыгэ хабзэмкlэ нэмысыншагъэт.
Нысэ къашамэ, къызыхаша лъэпкъым балигъ хъуауэ цlыхухъууяIэми, благъэ гъунэгъум цIыхухъуу яIэми я цlэр жиlэ хъунутэкъым нысащIэм. Абыещхьыркъабзэу цIыхубзу лъэпкъым ящыщми, благъэ гъунэгъуу яIэм и цlэр жиlэхъунутэкъым, сабийуэ щымытмэ. Абыхэм псоми цlэ зэрызыххэ яфIищын хуейт, езынысащlэр иреджэну.
И лIым и цlэр игъащIэкIи жиlэ хъуххэнутэкъым. И лIымтепсэлъыхьын е и гугъу ищIын хъумэ, «унэм исыр», «лlыр», «цlыхухъуp», «езыр»жиIэрт.
ЛIым псэтыншыпIэуи гушхуапIэуи иIэр и щхьэгъусэр арат. Аращ«пIэщхьагъыфI Тхьэм къуит!»,_ щIыжаIэр.
«ЛIыхъуыр фыз Iейм добжьыгуэри, лIы Iейр фызыфIымдобжьыфIэ», жаIэрт.
Фызыр пщхьэпэу щытмэ, езыр щымыIэу хьэщIэ гуп къыхуепсыхамилIыр гузавэртэкъым икIи укIытэртэкъым. Езы фызри лIыр щымыIэкIэ мыгузавэу,хьэщIэ къакIуэрэ и лIым и цIэкIэ къэджамэ, «лIыр дэскъым, ар дэмысми, сэсыщыIэщ, мыр и унагъуэщ, еблагъэ, езыри къэкIуэжынщ!»,_ жиIэртииригъэблагъэрт. ЛIыр щымыIэкIи къэмыгъанэу, хьэщIэр зэрыхуэфащэкIэигъэхьэщIэрт, имыцIыхууэ щытми.
Адыгэм хьэщIэр икъукIэ ягъэлъапIэрт. Уеблэмэ, унэр зейрдэмысу, хьэщIэ къыхуэкIуамэ, гъунэгъур кIуэти, хьэщIэр иригъэблагъэт,зэрыхуэфащэкIэ хуигъэхьэщIэрт.
ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я Iуэхури я лэжьыгъэри зытэкъым.ЦIыхухъур губгъуэ лэжьыгъэм, мэкъумэшым, мэз лэжьыгъэм, пхъэ IэщIагъэхэм,къинэмыщI
...ЕщёИ лIым и цlэр игъащIэкIи жиlэ хъуххэнутэкъым. И лIымтепсэлъыхьын е и гугъу ищIын хъумэ, «унэм исыр», «лlыр», «цlыхухъуp», «езыр»жиIэрт.
ЛIым псэтыншыпIэуи гушхуапIэуи иIэр и щхьэгъусэр арат. Аращ«пIэщхьагъыфI Тхьэм къуит!»,_ щIыжаIэр.
«ЛIыхъуыр фыз Iейм добжьыгуэри, лIы Iейр фызыфIымдобжьыфIэ», жаIэрт.
Фызыр пщхьэпэу щытмэ, езыр щымыIэу хьэщIэ гуп къыхуепсыхамилIыр гузавэртэкъым икIи укIытэртэкъым. Езы фызри лIыр щымыIэкIэ мыгузавэу,хьэщIэ къакIуэрэ и лIым и цIэкIэ къэджамэ, «лIыр дэскъым, ар дэмысми, сэсыщыIэщ, мыр и унагъуэщ, еблагъэ, езыри къэкIуэжынщ!»,_ жиIэртииригъэблагъэрт. ЛIыр щымыIэкIи къэмыгъанэу, хьэщIэр зэрыхуэфащэкIэигъэхьэщIэрт, имыцIыхууэ щытми.
Адыгэм хьэщIэр икъукIэ ягъэлъапIэрт. Уеблэмэ, унэр зейрдэмысу, хьэщIэ къыхуэкIуамэ, гъунэгъур кIуэти, хьэщIэр иригъэблагъэт,зэрыхуэфащэкIэ хуигъэхьэщIэрт.
ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я Iуэхури я лэжьыгъэри зытэкъым.ЦIыхухъур губгъуэ лэжьыгъэм, мэкъумэшым, мэз лэжьыгъэм, пхъэ IэщIагъэхэм,къинэмыщI IэщIагъэ нэхъ Iэпхъашэ-лъэпхъашэхэм теухуат.
ЦIыхубз IэщIагъэр шхын Iуэхум, дэн-бзэным, цыхэкIым, упщIэ,щIакIуэ, цей, бащлъыкъ, Iэлъэ, лъэпэд, вакъэ, къинэмыщIхэр щIыным теухуат.КIэщIу жыпIэмэ, лъэныкъуитIми щхьэж хуэфащэр илэжьурэ, зыхуеи псори езыхэмкъалэжьыжурэ псэуахэщ.
Адыгэм ямыIэу, ямыIэнуи Iэмал зимыIэхэр урысхэм я дежкъыщахъуэжхэу щытащ. Псалъэм щхьэкIэ, шыгъу, гъущI, гъуаплъэ къннэмыщIхэр. АхэрмэкъумэшхэкIкIэ, IэщхэкIкIэ, фэ, цы, бацэ, упщIэ, щIакIуэ къннэмыщI хуэдэхэмкIэкъащэхууэ къахъуэжу щытащ.
Урысыр къытхэмыхьэу дэ ди IэщIагъэрэ ди лэжьыгъэкIэдыпсэужу щыщытам, нэхъыбэу дызыхуэныкъуэу, куэдрэ гугъу дызыдехьыр шыгъурарат. Ар дэ диIэ хьэпшыпхэмкIэ къахъуэжт.
Ди цIыхухэм мэкъумэшу ящIэу щытар: нэхъыбэу мэш, хьэ, гуэдз,авост. Мис ахэр яшэти, урысхэм я деж шыгъу къыщахъуэжт. Ауэ а шыгъум изыIэрыгъэхьэным икъукIэ гугъуехьышхуэ пылъу щытащ.
Пасэрей цIыхухэр зэнэсэIуасэу, зэхэгъэрейуэ, зэхыхьэзэхэкIыущытакъым. Зэщымыщ лъэпкъитIыр зэхыхьэну дзыхь зэхуамыщIу зэщышынэу щытащ. Мисабы къыхэкIт, шыгъум гугъу дехьыныр. Шыгъушэ кIуэн папщIэкIэ, гупышхуэзэрыгъэхъухэрт, икъукIэ вы лъэрызехьэ, лIы лъэрызехьэ хуейт. АбыкIизэфIэкIтэкъым, шу гуп я гъусэн хуейт, Iэщэ яIыгъыу, зэрызэуэным хуэщIауэ.
Абы гугъуехьу пылъар адыгэ таурыхъыжьхэми къаIуэтэж.Псалъэм щхьэкIэ, гу зыбжанэу зэдэщIыгъуу, шу гупи я гъусэу шыгъушэ кIyaт.Шыгъури къахъуэжри, къежьэ-
жауэ къэкlуэжурэ, гъуэгуанэм иригъэзэша я выхэр увыIэрикъэмыкlуэжыфу гъуэгум къытенащ. «Вы къэфху», - жаlэри лlы къагъэкlуэжащ Шыгъушэк1уахэм я фызхэр зэхэзежэ хъуауэ, вы зэрагъэпэщт. Къэтхэм ящыщ зыгуэр и фызымзигъэхъейртэкъым, фызхэр абы еупщlащ:
- Слlожь, уэ зыбгъэхъейркъыми, вы ебгъэхунукъэ?-жа1эри.
- Алыхь, сэ си лlыр сабийхэм ядэзмыгъэшха, абы и выхэришкIэхэм ядимыгъэшха, сэ силlри сиври къэмыкъкlуэжыфынкlэ сышынэркъым, - жи1эривы иригъэхуакъым. А зэрыщыгугъам хуэдэуи къэкlуэжащ. Мис апхуэдиз гугъуехьпылъу зы1эрыгъэхьэу щытащ щыгъур. Ди адыгэхэр шыгъум зэреджэу щытар «хыгъущ»,хым къыхаха гъур жиlэу къикlыу. Псалъэр зэрагъэкlуэкIри шыгъукlэ еджэу хъуащ.
Ди цlыхухэр зэрыпсэу щытар мэкъумэшщ, Iэщщ. Псом хуэмыдэумэл куэд зэрахуэт, шы фlыуэ ялъагъут. Шыхэри мэлхэри гъэJахуэми щ1ымахуэмигубгъуэм щагъэхъуакlуэу щытащ.
Ди цIыхухэм шхыну яшхыр нэхъыбэу лырэ гъэшхэкIрэт.Махъсымэ щыщIэххэтэкъым. Гъавэм щыщу нэхъыбэу ящlэр хут. Гъавэу яшхыр псорикъызыхащIыкlыр хут: пlастэ, хьэнтхъупс мэжаджэ, мырамысэ, хьэл1амэ, шэ хьэтыкъ,тхъурымбей, н.къ.
Цlыхубзхэр губгъуэм щылажьэу щхьэкlэ, къыдэхуапlэ ямыlэуунагъуэ къалэныр къайлыжт. Упщlэри, щlакlуэри, цейри, дэтхэнэ зы щыгъынл1эужьыгъуэри цым къыхащIыкIт. Абы зэи к1эух и1эу щытакъым. Абы дэкlуэу,вакlуэ гъуэмылэ, вак1уэ махъс
...Ещё- Алыхь, сэ си лlыр сабийхэм ядэзмыгъэшха, абы и выхэришкIэхэм ядимыгъэшха, сэ силlри сиври къэмыкъкlуэжыфынкlэ сышынэркъым, - жи1эривы иригъэхуакъым. А зэрыщыгугъам хуэдэуи къэкlуэжащ. Мис апхуэдиз гугъуехьпылъу зы1эрыгъэхьэу щытащ щыгъур. Ди адыгэхэр шыгъум зэреджэу щытар «хыгъущ»,хым къыхаха гъур жиlэу къикlыу. Псалъэр зэрагъэкlуэкIри шыгъукlэ еджэу хъуащ.
Ди цlыхухэр зэрыпсэу щытар мэкъумэшщ, Iэщщ. Псом хуэмыдэумэл куэд зэрахуэт, шы фlыуэ ялъагъут. Шыхэри мэлхэри гъэJахуэми щ1ымахуэмигубгъуэм щагъэхъуакlуэу щытащ.
Ди цIыхухэм шхыну яшхыр нэхъыбэу лырэ гъэшхэкIрэт.Махъсымэ щыщIэххэтэкъым. Гъавэм щыщу нэхъыбэу ящlэр хут. Гъавэу яшхыр псорикъызыхащIыкlыр хут: пlастэ, хьэнтхъупс мэжаджэ, мырамысэ, хьэл1амэ, шэ хьэтыкъ,тхъурымбей, н.къ.
Цlыхубзхэр губгъуэм щылажьэу щхьэкlэ, къыдэхуапlэ ямыlэуунагъуэ къалэныр къайлыжт. Упщlэри, щlакlуэри, цейри, дэтхэнэ зы щыгъынл1эужьыгъуэри цым къыхащIыкIт. Абы зэи к1эух и1эу щытакъым. Абы дэкlуэу,вакlуэ гъуэмылэ, вак1уэ махъсымэ, быным яшхэн. Ахэр псори къызыхащ1ык1ыр хурарат. Хур Iэкlэ яужьгът, гухъукlэ ягут ар ялъэсырти ягъэгъужт, 1эрыщхьэлкlэяхьэжырти, хьэл1амэ, мэжаджэ ящIырт. А псори ц1ыхубзым 1эпщэк1э къалэжьырт.
Адыгэм нартыху яшхыу щытакъым. Нартыху ящIэми, Iэщхэмирагъэшхыну арат щ1ащ1эр. Адыгэм нартыху яшхыу зэрыхъурэ куэд щlакъым. . Дэ диныбжьым къриубыдэу дощlэж нартыху яшхыу къыщаублар. Япэ дыдэ нартыху мэжаджэосетин къущхьэхэм яшхыу адыгэхэм ялъэгъуащ.
- Мыр сы т? – жа1эри адыгэхэр щlэупщlащ.
_ Мыр «чырзынщ» нартыхум къыхащ1ык1ауэ, - къыжраlащ.Чырзыныр яхужымыIэу «чыжын» жаlэри осетинхэм нартыхум къыхащIык1ри яшх» жа1эуяф1эгъэщ1эгъуэну адыгэхэми хуэм-хуэмурэ яшхыу къаублащ. Адыгэхэр абызэреджэн ящ1этэкъыми, осетинхэр зэреджэмк1э еджэурэ «чыржыным»къытенащ. Абы Джылахъстэней лъэныкъуэр зэреджэр - «нартыху хьэтыкъщ». Нартыхухьэтыкъри къызыщежьар мыращ: «нартыху яшхыу щыщымытахэм щыгъуэ, хьэ яхьэжурэяшхыу щытащ. Ар хъурей цIыкlуу тебэкlэ ягъажьэрт. Хьэтыкъыр - хьэм къыхащIыкlатыкъыр жыхуиlэщ. Чыржыныр яшхыу къаубла нэужь, абы ирагъэщхьри, нартыхурдыщlагъури, «нартыху хьэтыкъкlэ» еджащ.
Адыгэм жыг хадэ, унэ хадэ ягъэкlыу щытакъым. Помидор урысымзэрахьэу ялъагъумэ, кхъуэлым зэрыщымэхъашэм хуэдэу щымэхъашэу щытащ,«шыкJуртIым»жаlэри. Ар пшхы хъу,уи ящIэххэртэкъым. Абы «пIэтlрэжанкlи» еджэущытащ. Ауэ нащэ яшхт. Нащэри езыхэм ящlэ хъуну къагурыlуэрт_ым, зыщlи щыlакъым.Яшхыу щыхъуами, урысхэм я де~·къыщащэхут. Нащэр урысхэм къашэрти, ахъшэкlэ,джэдкlэ, джэдыкIэкlэ, хьэкlэ, хукlэ, нартыхукlэ къахъуэжт. Иужькlэ, жыг хадэтIэкlуи, хадэ цIыкlуи ягъэкlыу щlадза нэужь, хъарбыз тIэкlуи ящlэ хъуа нэужь,зыри ящэу щытакъым. Ящэнуи ягу къэкIтэкъым, гъунэгъухэмрэ къуажэ цIыхухэмрэяшхт.
Iэщышхуэ щызэрахуэм: щыгъуэ, Къэбэрдей лъэныкъуэм ДзэлыкъуэхъупIэм щыщ къагъэсэбэпу щытащ. Ауэ Джылахъстэнейм къызэрагъэсэбэпышхуэщымыlэу, езым я щlыпIэм щагъэхъуэкlуэжт. Шыбз зиlэ пщыжь-уэркъыжьхэмхуагуэшауэ я шыбзхэр щагъэхъуакlуэт, къалеекIlамэ, ящэу щlы Iыхьэ яlэу щытащДзэлыкъуэ хъупIэм щыщ.
Къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэмрэ Джылахъстэнейпщыжь-уэркъыжьхэмрэ хуитыныгъэкlэ зэхуэдакъым.</
...ЕщёАдыгэм жыг хадэ, унэ хадэ ягъэкlыу щытакъым. Помидор урысымзэрахьэу ялъагъумэ, кхъуэлым зэрыщымэхъашэм хуэдэу щымэхъашэу щытащ,«шыкJуртIым»жаlэри. Ар пшхы хъу,уи ящIэххэртэкъым. Абы «пIэтlрэжанкlи» еджэущытащ. Ауэ нащэ яшхт. Нащэри езыхэм ящlэ хъуну къагурыlуэрт_ым, зыщlи щыlакъым.Яшхыу щыхъуами, урысхэм я де~·къыщащэхут. Нащэр урысхэм къашэрти, ахъшэкlэ,джэдкlэ, джэдыкIэкlэ, хьэкlэ, хукlэ, нартыхукlэ къахъуэжт. Иужькlэ, жыг хадэтIэкlуи, хадэ цIыкlуи ягъэкlыу щlадза нэужь, хъарбыз тIэкlуи ящlэ хъуа нэужь,зыри ящэу щытакъым. Ящэнуи ягу къэкIтэкъым, гъунэгъухэмрэ къуажэ цIыхухэмрэяшхт.
Iэщышхуэ щызэрахуэм: щыгъуэ, Къэбэрдей лъэныкъуэм ДзэлыкъуэхъупIэм щыщ къагъэсэбэпу щытащ. Ауэ Джылахъстэнейм къызэрагъэсэбэпышхуэщымыlэу, езым я щlыпIэм щагъэхъуэкlуэжт. Шыбз зиlэ пщыжь-уэркъыжьхэмхуагуэшауэ я шыбзхэр щагъэхъуакlуэт, къалеекIlамэ, ящэу щlы Iыхьэ яlэу щытащДзэлыкъуэ хъупIэм щыщ.
Къэбэрдей пщыжь-уэркъыжьхэмрэ Джылахъстэнейпщыжь-уэркъыжьхэмрэ хуитыныгъэкlэ зэхуэдакъым.
Къэбэрдейр хэкуиплlу зэпыудауэ щытащ: Хьэтlохъущыкъуей,Мысостей, Къетыкъуей, Джылахъстэней щыхьэрибгъу,- жаlэу.
Къуажэхэр абыхэм ятегуэшауэ щытащ: Хьэтlохъущыкъуейр къуажэ12 хъурт: 1. Къэрмэхьэблэ (Каменномост) , 2. Бабыгуей (Сэрмакъ), 3. Ашэбей(Малкэ), 4. Абыкъухьэблэ (Дзэлыкъуэ), 5. Хьэсэнбий и къуажэ (Куба) , 6.Лафыщхьэблэ (Псыхъурей), 7. Къуэнхьэблэ (Къулъкъужын), 8. ХьэтIохъущыкъуейИпщэ - Атажукин 1 (3еикъуэ), 9. ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ - Атажукин 2(Къызбрун 1), 10. Тохъутэмыщей (Лашынкъей), 11. Къундэтей 1 (Шэджэм: 1), 12.Къундэтей2 (Шэджэм2).
Мысостейр къуажи 7 хъурт: 1. Ислъэмей (Къызбрун 2), 2.Кушмызыкъуей (Ст. крепость), 3. Дыгулыбгъуей (Къызбрун 3), 4. Тыжьей (Кыщпэк),5. Къэсейхьэблэ (Баксанёнкэ), 6. Иналхьэблэ (Къэрэгъэш), 7. Ехъущыкъуей(Алтуд) .
Бэчмырзейхэмрэ Къетыкъуейхэмрэ зэхэту къуажэ 14 хъурт: 1.Къуэшыркъуей (Кенжэ), 2. Щхьэлыкъуэ (Шалушкэ), 3. Шыпшхьэблэ (Къэхъун), 4.Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ (Нижний Черек), 5. Къылышбий хьэблэ (Нартан), 6
...ЕщёКъэбэрдейр хэкуиплlу зэпыудауэ щытащ: Хьэтlохъущыкъуей,Мысостей, Къетыкъуей, Джылахъстэней щыхьэрибгъу,- жаlэу.
Къуажэхэр абыхэм ятегуэшауэ щытащ: Хьэтlохъущыкъуейр къуажэ12 хъурт: 1. Къэрмэхьэблэ (Каменномост) , 2. Бабыгуей (Сэрмакъ), 3. Ашэбей(Малкэ), 4. Абыкъухьэблэ (Дзэлыкъуэ), 5. Хьэсэнбий и къуажэ (Куба) , 6.Лафыщхьэблэ (Псыхъурей), 7. Къуэнхьэблэ (Къулъкъужын), 8. ХьэтIохъущыкъуейИпщэ - Атажукин 1 (3еикъуэ), 9. ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ - Атажукин 2(Къызбрун 1), 10. Тохъутэмыщей (Лашынкъей), 11. Къундэтей 1 (Шэджэм: 1), 12.Къундэтей2 (Шэджэм2).
Мысостейр къуажи 7 хъурт: 1. Ислъэмей (Къызбрун 2), 2.Кушмызыкъуей (Ст. крепость), 3. Дыгулыбгъуей (Къызбрун 3), 4. Тыжьей (Кыщпэк),5. Къэсейхьэблэ (Баксанёнкэ), 6. Иналхьэблэ (Къэрэгъэш), 7. Ехъущыкъуей(Алтуд) .
Бэчмырзейхэмрэ Къетыкъуейхэмрэ зэхэту къуажэ 14 хъурт: 1.Къуэшыркъуей (Кенжэ), 2. Щхьэлыкъуэ (Шалушкэ), 3. Шыпшхьэблэ (Къэхъун), 4.Къуэжьыкъуей Ищхъэрэ (Нижний Черек), 5. Къылышбий хьэблэ (Нартан), 6. Мысостей(Урвань), 7. Дыгъужьыкъуей (Аущыджэр), 8. Къуэжьыкъуей Ипщэ (Жэмтхьэлэ), 9.Жаныхъуэтхьэблэ (Псыгуэнсу), 10. Дохъушыкъуей (Старэ Черек), 11. Аргудан, 12.Андзорей (Старэ Лэскэн). 13. Къуэгъулъкъуей (Старэ Урыху), 14. Хьэтууей(Урыху).
Джылахъстэнейр щыхьэрибгъуу ябжт:
1. Ислъэмей (Курп Ипщэ), 2. Къаншыуей (Курп Ищхъэрэ), 3.Хьэпцlей (Хьэмидие), 4. Болэтей (Терекскэ), 5. Абей къуажэ (Урожайнэ), 6.Борыкъуей (Арыкъ къу.), 7. Мэртэзей (Дейскэ къу.), 8. Астемырей (Акъбащ Ипщэ),9. Ботэщей (Плановскэ).